Меню
Разработки
Разработки  /  Родной язык и литература  /  Мероприятия  /  8 класс  /  Мастер-класс Къызэрык1уэ. Хьэлъэ. Гъэщ1эгъуэн.

Мастер-класс Къызэрык1уэ. Хьэлъэ. Гъэщ1эгъуэн.

28.01.2023

Содержимое разработки

Мастер-класс

Темэр: «Къызэрык1уэ. Хьэлъэ. Гъэщ1эгъуэн»

(Критическэ гупсысэныгъэм зегъэужьынымк1э 1эмал зэхуэмыдэхэр къэгъэсэбэпыныгъэ, Щоджнц1ык1у Алий и тхыгъэхэм япкъ итк1э)


Мурадхэр:

  • Критическэ гупсысэныгъэм и къэк1уэк1эм нэ1уасэ хуэщ1ынхэ;ар къагъэсэбэпыфу егъэсэн.

  • Щ1акхъуэм пщ1э хуащ1у, ц1ыхугъэ яхэлъу егъэсэн;

  • Я бзэм зегъэужьын.

Нэрылъагъу дэ1эпыкъуэгъухэр: компьютер, экран,тестхэр,карточкэ.


  1. Хэзышэ псалъэ.

Фи махуэ ф1ыуэ, пщ1э зыхуэсщ1 си дэлэжьэгъухэ!Нобэрей ди махуэм, лэжьыгъэм щытык1э шэщ1а и1эу, 1эужьыншэу къытщымыхъун папщ1э, зыдывгъэгъэпсэху. Мыбдежым щ1эс дэтхэнэми адыгэбзэ къыгуро1уэ, иропсалъэ. Апхуэдэуи къытхэтщ ди бзэр игъэшэрыуэу, ауэ нэгъуэщ1 лъэпкъ къыхэк1ахэри.Хуабжьу гъэщ1эгъуэн хъуну къызолъытэ щхьэж ди анэдэлъхубзэмк1э сэлам зэтхмэ. Сэ адыгэбзэк1э къезгъэжьэнщ, фэри ар дыдэр къыздыжыф1э. «Узыншэу фыщытхэ!»(зэгъусэу псоми)

(Апхуэдэурэ нэгъуеибзэк1э, абазэбзэк1э).


  1. 1эмал щхьэхуэ «Фи ф1эщ хъурэ?..»

- Фи ф1эщ хъурэ, сабийхэр еджэным хущ1экъуным хуедгъэсэфыну?

(Мэхъу)

- Мастер-классыр ек1уэк1ыху фезэшыну фи ф1эщ хъурэ?

(Хьэуэ, хъукъым)

- Фи ф1эщ хъурэ мы ди лэжьыгъэм и ужьк1э сэбэп къыфхуэхъун гуэр къыхэфхынк1э?

(Мэхъу ди ф1эщ)

- Сэри мэхъу си ф1эщ. Аращи, щ1ыдодзэ.


  1. Мыбдеж щ1эс дэтхэнэ зым дежк1и щэхукъым, ди зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, сабийхэм тхылъ еджэным хуа1э хъуа щытык1эр узыгъэгуф1эу зэрыщымытыр. Ит1ани дэ, егъэджак1уэхэм, нобэ а еджак1уэхэм тхылъым хуа1э хъуа щытык1эм зедмыгъэхъуэжмэ, адрей щ1эныгъэхэри къамыщтэжыфыныр шынагъуэщ, шынагъуэ мэхъу я къэк1уэнури, щ1эныгъэ дэтхэнэми и 1унк1ыбзэр тхылъырщи.

Ат1э хэк1ып1э гуэр и1эу п1эрэ мы 1уэхугъуэм? Фэ дауэ фегупсысрэ?

(Жэуап къызат)


Пэжщ, сэри къызэрыслъытэмк1э абы хэк1ып1э и1эщ.

Сабийр псоми хуебгъэсэфыныр -1эмал зимы1эщ, и упщ1эу хъуам жэуап етыныр-тэмэмкъым.Сэ си къалэныр еджак1уэр изгъэхуэнырщ щытык1э, жы1эгъуэ: «Мыр гъэщ1эгъуэн гуэрщ, мыр къэсщ1эну сыхуейщ е мыр сщ1эну сыхуейщ, гъэщ1эгъуэнщи!»-жи1эу.

Сыт хуэдэ ехъул1эныгъэри елъытащ абы узэрыбгъэдыхьэ щ1ык1эм.Ат1э сэри фэзгъэлъагъуну сыхуейщ адыгэ литературэ дерсхэм критическэ гупсысэныгъэм зегъэужьыныр си лэжьыгъэм и зы 1эмэпсымэу зэрыщытыр.

Зэдывгъэгъапщэ иджы: пэщ1эдзэ классхэм сабий еджэхэмрэ курыт, ищхьэ классхэм еджэхэмрэ дауэ щыт упщ1э вгъэувым и жэуап етык1эр?

(Егъэджак1уэхэм я гупсысэхэр къыжа1э)

Къывдызощтэ. Еджак1уэ нэхъ ц1ык1ухэм дерсым упщ1э гуэрк1э захуэбгъазэмэ, ущ1агъэнэнущ я жэуапхэмк1э. Еджак1уэ нэхъ инхэр аракъым- абыхэм заущэху, зыхамыщ1ык1ынк1э гузавэу. Мис ахэр нэхъ щхьэхуит щ1ыным папщ1э, яф1эгъэщ1эгъуэн хъуну гупсысэм хуэпшэным, тхыгъэм хэбгъэгъуэзэным , ар псэк1э зыхагъэщ1эным папщ1э, къызогъэсэбэп мыпхуэдэ 1эмал щхьэхуэхэр:

- кластер

-синквеин

-художественнэ тхыгъэр зэпыудауэрэ джыныр

Мы 1эмал псоми я къэк1уэк1эм щыгъуазэ фхуэсщ1амэ си гуапэт, ауэ сыкъытеувы1энщ зым-художественнэ тхыгъэр зэпыудауэ джыным. Къызолъытэ ар псом нэхърэ нэхъ сэбэпу, къызэрык1уэу ик1и гъэщ1эгъуэну, тхыгъэ мыц1ыху мыин дыдэр щебгъэджым деж. Ар 1ыхьищу зэхэтщ:

  1. Хуэзыгъэуш (Вызов)

Тегъэщ1ап1эу къыхэха псалъэхэмк1э 1уэхугъуэр зэф1эгъэувэжыныгъэ.


  1. Тхыгъэр зытеухуар зыхэщ1эныгъэ.(Осмысление) 

Пычыгъуэурэ зэпыудауэ текстыр егъэджын, къэхъунк1э хъунур, сюжетыр зэф1эгъэувэфын.


  1. Зыкъэпщытэжыныгъэ(Рефлексия). 

Пычыгъуэхэр зыуэ зэпызыщ1э 1уэхугъуэм ешэл1эн, зэрагугъамрэ къызэрыщ1эк1амрэ зэгъэпщэжын.


Мы методикэм и къалэн нэхъыщхьэр- еджак1уэм художественнэ тхыгъэр егъэджын къудейркъым, ат1э ар иджыну хуейуэ абы бгъэдэшэнырщ, хуэшэнырщ.


Ат1э щ1эддзэнщ, нобэ фыеджак1уэу фэри зыкъэфлъытэу фыкъыздэ1эпыкъумэ,си гуапэщ.

Псоми хуэдэу, сэри си1эщ си гумрэ си псэмрэ нэхъ зэта тхак1уэ, усак1уэ.Ар Щоджэнц1ык1у Алийщ. Щоджэнц1ык1ум и гъащ1эри, и литературнэ лэжьыгъэри сыт щыгъуи си дежк1э щапхъэщ. Си нэгум сыт щыгъуи щ1этщ зэ изыми зи щхьэр хуэзмыгъэт1ылъа л1ыхъужь хахуэм и щытык1эр.Бабруйск концлагерым хьэзабрэ гугъуехьу ишэчам емылъытауэ, щ1ыхь и1эу къэнащ, сыт щыгъуи егупсысащ и Хэкум, лъэпкъым.Мис аращ псом хуэмыдэу и тхыгъэхэр джыным гулъытэ щхьэхуэ щ1ыхуэщ1ыпхъэр.Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэт1ылъа Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр щыдджк1э,сыт щыгъуи гузэвэгъуэ гуэрым сыхедзэ, сыту жып1эмэ сыхуей си еджак1уэхэр напэмрэ щ1ыхьымрэ япэ изыгъэща усак1уэм хуэфащэу щытынухэ.

Нобэ фэрэ дэрэ нэ1уасэ тхуэхъунущ Щоджэнц1ык1ум и зы тхыгъэм. Гу зэрылъыфтэщи, тхыгъэм и ф1эщыгъэц1эм и япэ хьэрфыращ экраным къык1эридзэр.Сэ хуабжьу сыхуейт мы тхыгъэм и ц1эр фэ къызжеф1эну, тхыгъэр зытеухуар зыхэщ1эныгъэр едгъэк1уэк1а и ужьк1э.


Аращи, нобэ дызытепсэлъыхьыну тхыгъэр Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэ нэхъыф1хэм щыщщ.Мыбдежым топсэлъыхь Хьэмид и мэкъумэшыщ1э унагъуэ тхьэмыщк1эм, абы и къуэ Хьэсет ц1ык1у и сабиигъуэ хьэлъэ дыдэм.Адэк1э тхыгъэр топсэлъыхь мылъкур зыф1эбылым Тембот хьэжы нэпсейм.

Тхыгъэр джын щ1эдмыдзэ ипэк1э,сэбэпышхуэ хъунущ къэгъэсэбэпа псалъэхэм делэжьмэ, ахэр урысыбзэк1и зэрызэддзэк1ыфым девгъэплъ:


Ят1э-грязь

Хьэжыгъэ-мука

Къэлътмакъ-сумка, рюкзак

Л1ыщ1э-слуга

Пут-16 кг

Тхьэм фигъэпсэу, лэжьыгъэр тэмэму вгъэзэщ1ащ.


Иджы набдзэгубдзаплъэу фыкъэда1уэ.Фэрэ дэрэ иджыпсту тест лэжьыгъэ зэдедгъэк1уэк1ынущ.Сэ к1эщ1 дыдэу тхыгъэм щыщ пычыгъуэхэм сыкъеджэнущ.Фэ фи пщэрылъыр фи пащхьэ илъ тхылъымп1э напэм жэуап тэмэмыр дамыгъэк1э къыхэгъэщынырщ. Жэуапыр зэфтыну упщ1эхэр сэ фхуэзгъэувынущ, тхыгъэм и пычыгъуэм сыкъыздеджэм.Иужьк1э деплъыжынущ лэжьыгъэм дызыхуишэм.

Къыщ1эздзэнщ авторым и псалъэхэмрэ Хьэсет ц1ык1у и монологымрэк1э.


Гъэмахуэ мазэт.Дыгъэ пэзазэм и бзий пщтырхэмк1э щ1ыгушхуэм и тафэ бейр къызэщ1игъаплъэрт.Удзхэм, пщ1анэхэм, мазэ лъандэрэ къемышха уэшхым зыхуагъэгусэ щ1ык1эу, сабэм иуа я тхьэмпэ лалэхэр щ1ым траубгъуэрт.Дыгъэ напэху жьэражьэи и нэмыщ1а, а псори а махуэм нэщхъейт.Къуажэм и уэрэдыр, гъыбзэм хуэдэу, тхьэк1умэм къо1уэ…Мыр сыту гъэщ1эгъуэн!..Дуней псори нэщхъейуэ щхьэ къысф1эщ1рэ, хьэмэрэ псыхэм я даущым едэ1уным, бзухэм я усэ дахэм сэ сахуэмыфащэу ара? Сэ жыс1энщ мы махуэ дыгъэпсым фэжагъуэ къыщ1ытеуар.

Упщ1эр: Дауэ къыфщыхъурэ, махуэ дыгъэпс жьэражьэр Хьэсет апхуэдизу нэщхъейуэ щ1илъугъум сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуфынутэр?

(Жэуапыр тхылъ напэхэм иратхэ)

Уеда1уэнк1э ягъэ к1ынкъым а зэманым ди бынунэм къалъыса 1уэхум.Си адэр сабий бын яхэст.Ар гъатхэм гъавэ щыщ1эри, ди унагъуэр мэжэщ1ал1э хъуащ. 1эмалыншагъэм дрихул1эри, мэкъу дестынэ хупиупщ1ыну, ди адэм ди гъунэгъу Тембот хьэжым хьэжыгъэ пут къы1рихат.А гъэм и гъэмахуэр къыщысым, пщэдджыжьым жьыуэ хьэжыр шууэ пщ1ант1эм к1ий-гуоууэ къыдэлъэдащ.

Упщ1эр: дауэ фегупсысрэ, сытыт хьэжыр апхуэдэу губжьауэ къащ1ыхыхьар унагъуэм? Сытыт къапкърихыну зыхуейр?

(Жэуапыр ятх)

Ди адэр зыхэдэн щ1агъуэ и1этэкъыми, хьэжым жи1эм темыувэу хъуакъым. Ауэ елъэ1уащ хьэжым, пщэдей щ1идзэну, нобэ здищтэн зы шхын к1апи и1этэкъыми.Тембот а псаъхэр щызэхихым, бэдж лъакъуэм ещхь и набдзэ к1ыр къеуэхахэр хиглъэтри губжьащ: «Ухуеймэ сыти щ1э, нобэ удэмык1ыу 1эмал и1экъым.Си щ1ыхуэ птелъщ, уук1ытэн хуейщ, мэкъур мэгъуж.Пшхын уимы1эмэ,дауэ сщ1ын,тхьэм къыстрилъхьащ, нак1уи иджыри пут хуэдиз хъу сыт, дауэ фегупсысрэ?»

(Жэуапыр ятх)

Арати, илъэс пщык1ущым ит си шынэхъыжьыр и гъусэу, мэкъуауэ дэк1ащ си адэр.Сэ абыхэм гъуэмылэ яхуэсхьынымк1эщ сазэрыдэ1эпыкъуфтэри, къару мащ1э т1эк1уу Тхьэм къызитар зэхэслъхьэрти,си анэм къилъэ1ухуа шхын мыкуэдыр яхуэсхьт.Апщ1ондэху си адэм сигъэгушхуэрт.

Упщ1э: сыт хуэдэ псалъэт адэм къуэр зэригъэгушхуэфыныр?

(Жэуапыр къыхах)

Зы махуэ гуэрым сежьащ си адэм деж.Зытэлай дэк1ри, дыгъэр си щхьэщыгуу, зы гъуэгу бгынэжа гуэрымк1э дэздзыхащ.Куэд лъандэрэ зыщыземык1уа гъуэгум и ят1э тыкъыр гъуахэр си лъэгум къыхэуэу, джанэ бэлацэ ф1ейм щ1элъэда пщ1энт1эпсхэр си щ1ыфэм ибжьэу сок1уэ.Зэик1 сщыгъупщэжынкъым:гуэдзыбгъум сыщынэсым,хьэжым и л1ыщ1э Муссэ шыгухуу, тешанк1эм хьэжым и къуэ Мурат Налшык еджэр ису къынэсри къагъэувы1ащ.Согуф1э.Шыхэм т1эк1у загъэпсэхумэ, си гъащ1эм сызэрымыт1ысхьа тешанк1эм сит1ысхьэнущ, жызо1эри. Арщхьэк1э Мурат къелъэри: «Мыр сыт, Хасет бацаж цук, иджыри гъуэгу утети. Шыд ф1еижь ц1ык1у хуэдэ, сыт плъэк1ын мыгъуэ уэ?»Мурат и псалъэхэм папщ1э Муссэ зэрызэгуэпыр и нэгум къищт, папщэт.Сэри си ц1эм «бацэжь ц1ык1ур» апхуэдизрэ зэрыпигъэувэм сызэгуигъэпти,жэуап естыжыну сыхуейт. Ауэ Муссэ чэнджэщ къызитащ.

Упщ1эр: сыт хуэдэ чэнджэщ Муссэ Хьэсет иритауэ къыфщыхъур?

(Жэуапыр ятх)

Сэри сундэрэбжьауэ, си хьэлъэр с1ыгъыу, жьым зэщ1иубыда, зи ныбжь нэса л1ыжь гуэр хуэдэ,селъэбышауэу сежьэжащ.Адэк1э си адэм деж сызэрынэсари сыц1ыхужкъым.

Нэху щыщ, хьэжыр къэсщ, и нэщхъыр зэхэуфауэ, и набдзэ к1ыхьхэри дригъэуей-къригъэухыурэ хафэм ириплъащ.Абы мурадыф1 зэримы1эр ди адэм къищ1ати, сыту п1эрэ къыжьэдэк1ынур жыхуи1эу, и нат1э зэлъахэр псынщ1эу зэтеуэрт.

-Хьэмид, си мэкъур бгъэк1уэдащ.Гъатхэм уэста хьэжыгъэ путым нобэм къэск1э сыт хуэдиз хэхъуэ къысхуихьынут!Хъункъым мыр 1уэху.Щэбэт махуэм судым унафэ къытхурещ1.Гуры1уэгъуэт а псори Тембот къыщ1игупсысар-къыттехуэ кг.16 хъу сытыр? къыдитыжыну хуейтэкъыми арт.

(Жэуапыр къыхах)

Дауи, гузэвэгъуэт а 1уэхур ди адэм и дежк1э:а хьэжым къипсэлъ псори хуащ1энут, абы и дежк1э судхэр, л1ыщхьэхэр дэ1эпыкъуэгъут.Уеблэмэ судри унафэри зейр а зэманым

хьэжым хуэдэ защ1эхэт. Си адэм и щхьэр ехьэхауэ пэплъэт хьэжым и ик1э псалъэм, сытри хуищ1эну хьэзыру. Хьэжым «Хъунщ, гущ1эгъу фхузощ1. Фэстынщ сытыр?Дауэ къыфщыхъурэ? Ауэ мыбы папщ1э щ1ымахуэми фыкъысхуэлэжьэн хуейщ.»

(Жэуапыр къыхах)

Си адэр хьэжыгъэ путым гъэр хуэхъуа бунунэм хэт1ысхьэжри, суд пащхьэм имыхьэу, хьэжым зэрыгуры1уам щымыуауи илъытэжащ.Сыт апхуэдиз гугъуехьрэ хьэзабрэ щ1этшэчар, сыт?

Упщ1эр: сыт а гъуэгу хьэлъэр бынунэм къыщ1икуар? Сыт къратын папщ1э?

(Жэуапыр къыхых)


Иджы фыкъэда1уэ.Зыр зым и дежк1э зывгъазэ, гупит1 хъу хуэдэу.Псори феплъыж жэуап къыхэвгъэщахэми, фызэчэнджэщыж, иужьк1э гуп къэс тхылъымп1э напэ щхьэхуэу фи пащхьэ илъхэм деж тефтхэ тхыгъэм и ф1эщыгъэц1эр, фэ къызэрыфлъытэмк1э.Ит1анэ гуп къэс фи жэуапыр псоми тлъагъуу къыво1эт, фэ тхыгъэм ф1эфщамрэ абы и ф1эщыгъэц1э дыдэ экраным къык1эридзэмрэ дызэхуеплъыжын папщ1э.

Аращи, тхыгъэм и ц1эр «Хьэжыгъэ пут закъуэ».


Гъащ1эм, ц1ыхухэм я зэхущытык1эм теухуа тхыгъэхэр щезгъэджым и деж, сф1эф1щ сэ абы пэджэж усэхэр еджак1уэхэм къезгъэщ1эжу жезгъэ1эну. Пэжыр жып1эмэ, псалъэжьхэр нэхъ къащтэ еджак1уэхэм, куэдрэ къахэк1ыркъым усэ къыщыбжа1эф, апхуэдэхэм деж псалъэжьхэм тызогъэлэжьыхь. Ат1э иджы зыфхуэзгъэзэнщи, сыт хуэдэ псалъэжь фэ фщ1эрэ, мы тхыгъэм епхьэл1э хъуну?

Абы и жэуапхэр къыхэфх фи пащхьэ илъ тхылъымп1э напэхэм.

(Жэуап къыхахахэм къоджэжхэ)


Ат1э сыт нобэрей ди дерсым тхыгъэм и ц1эр ф1эзмыщу, «Къызэрык1уэ. Хьэлъэ. Гъэщ1эгъуэн» щ1ыф1эсщар? 1уэхур зы1утыр, нобэ Юнескэри гузэвэгъуэ хэтщ, анэдэлъхубзэр зэрык1уэдыжым папщ1э. Аращи, сэ, адыгэбзэмрэ литературэмк1эрэ егъэджак1уэм, си лъэпкъым и зы къуэпсу, и быну зызолъытэжри, адыгэбзэр зымыгъэк1уэдыжын, зезыгъэужьын, ф1ыуэ зылъагъун щ1эблэ къызэрызгъэтэджыным сыпылъщ.


Къызэрык1уэ- нобэ унагъуэ къэс анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр къагуры1уэу, ар щ1эблэм пкъралъхьэу, ф1ыуэ ирагъэлъагъуу щытамэ, къызэрык1уэ хъунут бзэр ц1ынунри.


Хьэлъэ- иджырей зэманым сабийхэм къагъэсэбэп интернетри, телевиденэри урысыбзэщ.Абы къыхэк1к1и урысыбзэр анэдэлъхубзэм йобэк1.Анэдэлъхубзэр сабийхэм пкърылъхьэныр хьэлъэ хъуащ.


Гъэщ1эгъуэн – зэманым и зыхъуэжыныгъэм, гугъуехь псоми ямылъытауэ, дэ,егъэджак1уэхэм, нэхъ удэзыхьэх, нэхъ гъэщ1эгъуэн дыдэу 1эмал щы1эхэмк1э щ1эблэр анэдэлъхубзэм дедгъэхьэхын хуейуэ къызолъытэ.


  1. К1эухыр.

И к1эм жыс1эну сыхуейщ: щы1эщ мы дунейм уасэ зимы1э гуры1уэгъуэ куэд.Ар хьэуарщ, псырщ, щ1ырщ, дыгъэрщ.Абыхэм хэх имы1эу яхуэбгъэдэфынущ щ1акхъуэр, ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхум къыдек1уэк1 гуащ1эдэк1ыр.А щ1акхъуэ 1ыхьэ дыдэращ ди тхыгъэм и л1ыхъужьхэм апхуэдэ гъуэгу хьэлъэ, гъуэгу гууз къыщ1ак1уар.Аращи, сыхуейщ нобэ псори дызэгъусэу къэтц1ыхужыну а зэманым щы1а, ди л1ыхъужьхэм гъуэгу хьэлъэ къыщ1ак1уа хьэпц1ий (ржаной) щ1акхъуэ п1ащ1эм, хьэтыкъым и мэр, и 1эф1агъыр.

(Шхыныр я пащхьэ игъэувэн)



Сэ хуабжьу сропагэ, сроин, хабзэ, бзэ дахэ зы1урылъ лъэпкъ уардэм и зы 1ыхьэу сызэрыщытым.Ик1и сыщогугъ ц1ыху къэс и бзэ, и хабзэ иц1ыхужыным мыхьэнэшхуэ зэри1эр нывнэсхьэсыфауэ.Сыт щхьэк1э жып1эмэ, бзэр, хабзэр димы1эжмэ-лъэпкъи ди1эжкъым.


Нобэ къызэхуэса псори Тхьэм фигъэпсэу,лъэк1ыныгъэу си1эм и лъэныкъуэ куэд зэ1усхыным и 1эмал къызэрызэфтам папщ1э.





Зытегъэщ1апхъэхэр

  1. Упщ1эр: Ат1э хэк1ып1э гуэр и1эу п1эрэ мы 1уэхугъуэм? Фэ дауэ фегупсысрэ?

Жэуапыр: Сабийхэр еджэным, щ1эныгъэм хуэунэт1ын, хуейщ. 1эмал гъэщ1эгъуэнхэмк1э хэшэн хуейщ.


  1. Упщ1эр:Пэщ1эдзэ классхэм сабий еджэхэмрэ курыт, ищхьэ классхэм еджэхэмрэ дауэ щыт упщ1э вгъэувым и жэуап етык1эр?

Жэуапыр:Пэщ1эдзэ классхэм еджэ сабийхэр, зэрыук1ыу жыхуа1эм хуэдэу, сыт хуэдэ упщ1эми жэуап ират. Курыт, ищхьэ классхэм еджэхэм нэхъ заущэху, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмк1э.



Тестхэр


  1. Дауэ къыфщыхъурэ, махуэ дыгъэпс жьэражьэр Хьэсет апхуэдизу нэщхъейуэ щ1илъугъум сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуфынутэр?


  • Яшхын ямы1эныгъэмрэ тхьэмыщк1агъэмрэ

  • Унэ зэрамы1эр

  • Гъуэгу жыжьэ мы махуэ жьэражьэм зэрытеувэныр


  1. Дауэ фегупсысрэ, сытыт хьэжыр апхуэдэу губжьауэ къащ1ыхыхьар унагъуэм? Сытыт къапкърихыну зыхуейр?

  • Щ1ыхуэ ятелъыр япшыныжын папщ1э, мыгувэу мэкъум дигъэкыну

  • Унагъуэм я1эм, ямы1эм щ1эупщ1эну

  • И ныбжьэгъур илъагъуну


  1. Пут хуэдиз хъу сыт къаритыну къызэригъэгугъар, дауэ фегупсысрэ?»

  • Хугу пут

  • Хьэжыгъэ пут

  • Шыгъу пут

  • Хьэ пут


  1. Сыт хуэдэ псалъэт адэм къуэр зэригъэгушхуэфыныр?

  • Афэрым!

  • Псори фыкъеплъыт мы си къуэм!

  • Щэхуу: «Плъагъурэ, л1ы ухъуащ»


  1. Сыт хуэдэ чэнджэщ Муссэ Хьэсет иритауэ къыфщыхъур?

  • «Къыуищ1а дыдэр ещ1эж»

  • «Делэм уи пы1эр хуэгъэт1ылъи блэк1»

  • «Мурат и адэм дыжри1эжмэ, къытхуэгъункъым, зыгъэтэмакък1ыхь, Хьэсет»

  • «Дызэхэгъыхьи дыгъэубэрэжь»


  1. Гуры1уэгъуэт а псори Тембот къыщ1игупсысар-къыттехуэ килограмм 16 хъу сытыр? къыдитыжыну хуейтэкъыми арт:

  • Килограмм 16 хъу шыгъу

  • Килограмм 16 хъу хьэ

  • Килограмм 16 хъу хьэжыгъэ

  • Килограмм 16 хъу ху


  1. Хьэжым: «Хъунщ, гущ1эгъу фхузощ1. Фэстынщ сытыр?Дауэ къыфщыхъурэ? Ауэ мыбы папщ1э щ1ымахуэми фыкъысхуэлэжьэн хуейщ.»

  • Хьэжыгъэ

  • Пхъэщхьэмыщхьэ

  • Хадэхэк1

  • Дыщэ


  1. Сыт а гъуэгу хьэлъэр бынунэм къыщ1икуар? Сыт къратын папщ1э?

  • Ахъшэ

  • Ху

  • Хьэжыгъэ

  • К1эрт1оф



Псалъэжьхэр


  • Псэр щэи напэ къэщэху

  • Адыгэшрэ л1ы бэшэчрэ

  • Вы зимы1эм шк1э щ1ещ1э

  • Гъэм и зы махуэм гъэ псом уегъашхэ

  • Мыщэ дыгъужь ф1эбэлацэщ

  • Ерыщыр щыту мал1э

  • Мывэ бгъэжам упэщ1охуэж



-80%
Курсы повышения квалификации

Занимательное искусствознание: как научить школьников понимать искусство

Продолжительность 72 часа
Документ: Удостоверение о повышении квалификации
4000 руб.
800 руб.
Подробнее
Скачать разработку
Сохранить у себя:
Мастер-класс Къызэрык1уэ. Хьэлъэ. Гъэщ1эгъуэн. (33.84 KB)

Комментарии 0

Чтобы добавить комментарий зарегистрируйтесь или на сайт