Нало Заур «Щ1ымахуэ»
(епл1анэ классым щек1уэк1а урок зэ1ухам и план-конспект)
Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ
Щад Эммэ Жыраслъэн ипхъу
Налшык 2019 гъ.
Темэр: Нало Заур «Щ1ымахуэ» (епл1анэ класс)
Мурадхэр:
щ1ымахуэм и теплъэр, и щ1ытык1эр усак1уэм и творчествэм 1эзагъэшхуэ хэлъу къызэрыщыгъэлъэгъуам еджак1уэ ныбжьыщ1эхэр к1элъыгъэплъын;
къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм теухуауэ я1э щ1эныгъэхэр егъэбыдыл1эн, дахагъэр сабийхэм зэхегъэщ1эн, ар хъумэн, егъэф1эк1уэн зэрыхуейм хуэгъэсэн;
тхыгъэм къеджэнымк1э яхузэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн, я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэм пыщэн;
еджак1уэ ц1ык1ухэр гуп лэжьэк1эм, зэдзыл1ауэ зэгъусэу лажьэу егъэсэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: интерактивнэ доска, компьютер, проектор, Нало Заур и творчествэмк1э презентацэ, щ1ымахуэ зэманым теухуа видеотеплъэгъуэхэр, еджак1уэхэм ягъэхьэзыра 1эрыщ1 тхылъ ц1ык1ухэр, ящ1а сурэтхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I. Урокым хэзышэ дакъикъэ
1.Сэлам зэхын, гъэт1ысын, урокым и мурадхэм щыгъуазэ щ1ын.
2.Щ1ымахуэ зэманым теухуа видеотеплъэгъуэхэр къэгъэлъэгъуэн. (еджак1уэхэм ящ1а сурэтхэр къагъэсэбэпурэ щ1ымахуэ теплъэгъуэхэм топсэлъыхь)
3. Щ1ымахуэм теухуауэ урысыбзэк1э ящ1э таурыхъхэр адыгэбзэк1э къегъэ1уэтэжын. «Двенадцать месяцев», «Снегурочка»
II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын
1.Еджак1уэхэм ягъэхьэзыра «Щ1ымахуэ» зи ф1эщыгъэц1э тхылъ 1эрыщ1хэм, гуп-гупу гуэшауэ тегъэпсэлъыхьын. (зытепсэлъыхьыр нэхъ куууэ зэхащ1эн папщ1э, щ1ымахуэм ехьэл1а макъамэ хуэму къегъэуэн)
III. Темэщ1эм хэзышэ лэжьыгъэ
1) Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын:
- Дунейм и теплъэр дауэ къыщыгъэлъэгъуа усэм?
- Сыт щ1ымахуэр фигу щ1рихьыр?
- Щ1ымахуэ зэманым фигу иримыхьу сыт хэт?
- Сыт хуэдэ усэхэм феджа щ1амахуэм теухуауэ? (усэ зэджахэр къегъэщ1эжын)
Аф1эунэ Лиуан «Япэ уэс», Щоджэнц1ык1у 1эдэм «Илъэсыщ1э», Щоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ», Елгъэр Кашиф «Илъэсыщ1э»
2) Щ1ымахуэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэжьхэмрэ къуажэхьхэмрэ фщ1эрэ?
Доскам къытридзэ псалъэжьхэр нэгъэсыжын (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
Гъэмахуэм 1эжьэ щ1ы… ( щ1ымахуэм гу щ1ы)
Щ1ышылэр… (щ1ымахуэм ипщщ)
Уэс щесам… (лъэужь щы1эщ)
Февралым и блым…. (мылым утемыхьэ)
Къуажэхьхэр
Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (Мыл). Ди пщ1ант1э п1этепхъуэ хужь тепхъуащ. (Уэс) Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ) Гъэми щ1ыми щхъуант1э, Илъэсыщ1эм ягъэщ1эращ1э (псей)
3) Щ1ымахуэм и нэщэнэхэр къыжегъэ1эн.
Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу.
Бжьыным фэ куд телъмэ, щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу.
Вагъуэбэр щ1ым зэрынэсу, щ1ыри псыри мэщтри щ1ымахуэм щ1едзэ.
- Нобэрей ди дерсыр зытеухуар къэфщ1ауэ п1эрэ, ц1ык1ухэ? (Щ1ымахуэ зэманырщ.) Адэк1э, Нало Заур гъэм и зэман нэхъ дахэ дыдэм зэрыхущытым щыгъуазэ зытщ1ынщ.
4) Нало Заур теухуа презентацэр доскам къытрегъэдзэн.
Усак1уэ гъуэзэджэм и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ тепсэлъыхьын (к1эщ1у) Нало Заур 1928 гъэм Хьэтуей къуажэ къыщалъхуащ.1952 гъэм Къэбэрдей пединститутыр къиухри, щригъэджэн щӀидзащ. 1954 гъэм щыщӀэдзауэ КъБР-м щӀэныгъэхутэ иджы гуманитар къэхутэныгъэхэмкӀэ и институтым щылэжьащ. Усэ тхылъ зыбжанэм, новеллэ тхылъым, повестым, рассказхэм, адыгэ культурэм и тхыдэм пыщӀа къэхутэныгъэ тхылъхэм, статья щхьэхуэ куэдым я авторщ. И усэхэр, нэгъуэщӀ литературэ лэжьыгъэхэр дунйем къытохьэ 1948 гъэ лъандэрэ. Ахэр щызэхуэхьэсащ «Бзухэм я бзэм» (1959), «Аслъэныкъуэ» (1967), «Усэхэр» (1973), «Дыгъэеджэ» (1976) тхылъхэм, нэгъуэщӀхэми.
IV. Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ. Адыгэ къафэ мэкъамэ къеуэм ек1уу сабийхэм я 1эпкълъэпкъым зезыгъэшэщ1 адыгэ къафэм и элементхэр егъэгъэзэщ1эн.
V.Темэщ1эм елэжьын
1) Нало Заур и «Щ1ымахуэ» усэм къеджэн. (Усэр къазэрыщыхъуар жегъэ1эн)
- Хэт къызжи1эн сыт зытеухуар мы усэр? (Щ1ымахуэм)
- Жьым и зэф1эк1ыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа усэм?( сатырхэр къегъэгъуэтын) Цы1эрылъхьэу кърехьэхри… Щындэбзийхэр къепхъэнк1ыхь… - Сытым иригъапщэрэ усак1уэм щ1амахуэм и 1эмалхэр? - Фэ дауэ фыхущыт щ1ымахуэ зэманым?
(Ц1ык1ухэр щ1ымахуэм зэрыджэгу джэгук1эхэм тегъэпсэлъыхьын, щ1ымахуэ спорт л1эужьыгъуэу сыт хуэдэхэр ящ1эми жегъэ1эн)
VI. Яджар егъэбыдыл1эн:
1)Усэм езыр-езыру къегъэджэн.
2) Тхылъым ит упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.
3)Зэрылажьэ тетрадымк1э гъэлэжьэн.
VII. Еджак1уэхэм я лэжьэк1ам и ф1агьыр къегъэпщытэжын.
Урокым щагъэзэщ1эну зыхунэмысамрэ я щ1эныгъэм щыщ1эныгъэ и1эу къахутэжамрэ зэрелэжьынур егъэубзыхун.
VIII. Унэ лэжьыгъэ етын (н. 58, усэр гук1э зэгъэщ1эн)
Оценкэ гъэувын,cэлам ехыжын/
Узыншэу фыщыт!


Нало Заур "Щ1ымахуэ" (55.15 KB)

